Go to full page →

Тхьэм и УнафипщӀыр GCKar 418

Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм GCKar 418

Сэ Сызиусхьэнщ. Уи Тхьэр Сэращ, Мысыр щӀыналъэм, пщылӀыпӀэ унэм укъизышыжар. Си пащхьэм нэгъуэщӀ тхьэхэр зыщумыгъэӀэ. GCKar 418.1

Тхьэпэлъытэ зыри умыщӀ — сурэту умыщӀ ищхьэмкӀэ уафэм, илъабжьэмкӀэ щӀылъэм щыӀэ зыри, щӀылъэм и лъабжьэжу псым хэсхэм ящыщ зыри. Ахэр тхьэнапэ умыщӀ. Абыхэм щхьэщи, къулыкъуи яхуумыщӀ. Сэращи Зиусхьэн уи Тхьэр. Сэ сы-Тхьэ езыфыгъулӀэщи, адэхэм я лажьэкӀэ бынхэм ещанэ, еплӀанэ щӀэблэм нэс тезыр ятызолъхьэр, сыкъэзылъагъу мыхъухэм. ГущӀэгъу яхузощӀыр я щӀэблэ миным нэсыху фӀыуэ сыкъэзылъагъуу си унафэхэр зыгъэзащӀэхэм. GCKar 418.2

Зиусхьэн уи Тхьэм и цӀэр пщӀэншэу къыумыпсэлъ, Зиусхьэным Абы и цӀэр пщӀэншэу къэзыпсэлъым тезыр тримылъхьэу къигъэнэнукъыми. GCKar 418.3

«Уигу игъэлъ щэбэт махуэр, бгъэлъэпӀэн папщӀэ; махуихкӀэ лажьэ, уи Ӏуэху псори щӀэ, ауэ ебланэ махуэр — щэбэтыр, Зиусхьэн уи Тхьэм ейщ. МахуихкӀэ къигъэщӀащ Зиусхьэным уафэри щӀылъэри, тенджызри, абыхэм хэт псори, ауэ ебланэ махуэм зэгъащ; абы къыхэкӀкӀэ Зиусхьэным щэбэт махуэм и нэфӀ щыхуэри, ар игъэлъэпӀащ. GCKar 418.4

Уи адэ-анэм пщӀэ яхуэщӀ, Зиусхьэну уи Тхьэм щӀым къущит уи махуэхэр кӀыхьын папщӀэ. GCKar 418.5

УмыукӀ. GCKar 418.6

Зинэ умыщӀэ. GCKar 418.7

Умыдыгъуэ. GCKar 418.8

ЦӀыхум щыхьэт нэпцӀ хуэхъун псалъэ къыумыпсэлъ. GCKar 418.9

Уемыхъуапсэ нэгъуэщӀ цӀыхум и унэм, уемыхъуапсэ нэгъуэщӀ цӀыхум и фызым, и унэӀут цӀыхухъуми, и унэӀут цӀыхубзми, ивми, и шыдми, нэгъуэщӀ цӀыхум ейм щыщ зыми уемыхъуапсэ. GCKar 418.10

Исх. 20:3-17 GCKar 418.11