«A зэманым уи лъэпкъым къыщхьэщыт Михаил, тепщэ иныр, къэунэхунущ, цӀыхухэр зэрыщыӀэрэ зэи къэмыхъуауэ гузэвэгъуэ зэман къэкӀуэнущи. Ауэ уи лъэпкъыр къелынущ — зи цӀэр гъащӀэм и Тхылъым иту къагъуэтыну дэтхэнэри” (Дан. 12:1). GCKar 576.1
Ещанэ мелыӀычым и хъыбарыр ягъэӀун яуха нэужь, Тхьэм и гущӀэгъум дунейм гуэныхьыщӀэу щыпсэухэр ибгынэнущ. Тхьэм и лъэпкъым и лэжьыгъэр игъэзэщӀащ: абы «уэшх кӀасэр» — «Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ гуфӀэгъуэр» къыӀэрыхьэри, къыкӀэлъыкӀуэ гъэунэхуныгъэ сыхьэтым зыхуигъэхьэзыращ. МелыӀычхэр уафэм псынщӀэу щызолъатэ. ЩӀылъэм къэзыгъэзэжа мелыӀычым егъэӀу и лэжьыгъэм кӀэух зэригъуэтар, дунейр иужь дыдэ гъэунэхуныгъэм хэтщ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэпэж псоми «Тхьэм и мыхъурыр къаӀэрыхьащ”. Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм уэчыл лэжьыгъэу Хьиса щигъэзащӀэр абдежым къыщегъанэр. Абы и Ӏэхэр еӀэтри, макъышхуэкӀэ къыжеӀэр: «ЗэфӀэкӀащ!” Уафэм щыпсэу псоми я тажхэр зыщахыр пщӀэшхуэ къыхуащӀу, Абы мыпхуэдэу щыжиӀэкӀэ: «Бзаджагъэ зылэжьыр бзаджагъэ щӀэным дяпэкӀи хрет. ФӀеигъэм хэтри хрет иджыри. Щыпкъагъэ зыщӀэм иджыри щыпкъагъэ ирещӀэ. Зи гур къабзэ цӀыхум и гур къабзэ зэпыт ирехъу» (Откр. 22:11). Дэтхэнэ зыми Ӏыхьэ хуэхъунум унафэ тращӀакӀэщ — псэунуми, лӀэнуми. И лъэпкъым папщӀэ зэкӀужыныгъэ Ӏуэхур Мэсихь игъэзэщӀащ, абы и гуэныхьхэр игъэкӀуэдащ. Абы и пащтыхьыгъуэм щӀэтынухэм я бжыгъэр бэгъуащ; «пащтыхьыгъуэри, тепщэныри, пащтыхь лъапӀагъэри уафэм и лъабжьэм дэнэкӀи щыӀэнур” къелыныгъэр зи щӀэинхэм иратынущ. Хьиса пащтыхьхэм я Пащтыхьыжу, тепщэхэм я Зиусхьэну пащтыхьыгъуэр ӀэщӀэлъынущ. GCKar 576.2
Мэсихь уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэр къигъэна нэужь, щӀылъэр кӀыфӀыгъэм хыхьэнущ. А зэман узижэгъуэным цӀыху щыпкъэхэр Зиусхьэн лъапӀэм и пащхьэ щыпсэун хуейщ Уэчылыншэу. Бзаджагъэ зыщӀэхэр зыми къызэтригъэувыӀэнукъым, шейтӀаным тепщэныгъэшхуэ иӀэнущ, зи гуэныхьхэм хущӀемыгъуэжахэм зыхуей псор ярищӀэфу. Тхьэм и тэмакъкӀыхьагъым кӀэ игъуэтащ. Дунейм Абы и гущӀэгъур имыдэу, и фӀылъагъуныгъэм Ӏумпэм хуищӀри, и Унафэри хиутащ. Бзаджагъэ зыщӀэхэм нэфӀщыхуэныгъэ зэман къахуэнэжакъым. Ахэр апхуэдизу ерыщу зэмыдэӀуа Тхьэм и Дух ЛъапӀэр, икӀэм-икӀэжым, щӀылъэм траӀэтыкӀыжащ. Тхьэм и гущӀэгъум и жьауэр ямыӀэжу, ахэр бий Ӏэлым и тепщэм дэӀэпыкъуэгъуншэу къыщӀэнащ. Мис абы щыгъуэм шейтӀаным щӀылъэм щыпсэухэр иужь дыдэу щыӀэну гузэвэгъуэшхуэ Ӏейм хидзэнущ. Тхьэм и мелыӀычхэм цӀыхухэм я мурад бзаджэхэр зытраӀыгъэжынукъым абы щыгъуэм, бэлыхь куэдым цӀыхухэр узижэгъуэну щызэтекӀуэдэнущ. Пасэ зэманым Ерусалим зэрызэтракъутауэ щытам нэхърэ нэхъ Ӏеижу дуней псор шынагъуэ Ӏейуэ зэтракъутэнущ. GCKar 576.3
Зы мелыӀыч закъуэм, Мысыр щӀыналъэм щыпэлъхуу исхэр зыукӀам, щӀылъэм гъыбзэр щыз ищӀауэ щытащ. ЦӀыхухэр къыхитхыкӀыу апхуэдэу Тхьэм и пащхьэ Даут гуэныхь щилэжьам, абы и гуэныхьым и тезыру зы мелыӀыч закъуэм узижэгъуэну куэд зэтриукӀауэ щытащ. МелыӀыч лъапӀэхэм Тхьэм и ӀэмыркӀэ бзаджагъэ зыщӀэхэр ягъэкӀуэдырт — мис апхуэдэу ящӀэнущ шейтӀаным и жинхэми, Тхьэм ахэр къыщыжьэдимыкъуэжкӀэ. КӀыфӀыгъэм и къарухэр хьэзырыпсщ дуней псор нэщӀ ящӀыну, ахэр Тхьэм хуит щищӀыным ежьэу аркъудейщ. GCKar 577.1
Тхьэм и Унафэхэр зыгъэзащӀэхэр ягъэкъуэншэнущ, Тхьэм и хьэкумыр дунейм къызэрытепсыхамкӀэ, гузэвэгъуэ къэхъукъащӀэ псори: зэбииныгъэхэр, зэныкъуэкъуныгъэхэр, лъыгъажэхэу къэхъунухэр, щӀылъэр гугъуехькӀэ зыгъэнщӀынухэр зи лажьэр ахэрауэ жаӀэнущ. Иужь дыдэу сакъыныгъэ хъыбару Тхьэм цӀыхухэм къахуригъэхам иӀэну къарум бзаджагъэ зыщӀэхэр хуабжьу къигъэгубжьынурэ, а хъыбарыр къэзыщта псоми я губжьыр тракъутэнущ, шейтӀаным бзаджащӀэхэр нэхъ Ӏеижу къызэщӀигъастэурэ псэхугъуэ ирамыгъэгъуэту ахэр къригъэхуэкӀынущ. GCKar 577.2
Дин-лэжьакӀуэхэмрэ лъэпкъымрэ ящӀакъым Тхьэр къаздыщыхэт щӀыпӀэр къэгъазэ имыӀэу нэщӀ зэрыхъуар — Зиусхьэным журтхэр ибгынащ. ШейтӀаным и тепщэм щӀэтхэу, гуэныхь Ӏейхэм пылъу, итӀанэми, Тхьэм къыхиха лъэпкъыу забжыжырт ахэм. Тхьэм и унэм къулыкъур щрагъэкӀуэкӀырт, уфӀея къурмэн-телъхьэпӀэхэм къурмэн къыщахьырт, махуэ къэс тхьэлъэӀухэр щаӀэтырт лъэпкъым Тхьэм и нэфӀ къыщихуэну щӀэлъэӀуу, абы щыгъуэм а лъэпкъым Тхьэм и Къуэм илъ уасэншэр зэригъэжамкӀэ къуаншэ арэфрэ, Тхьэм хуэлажьэхэр, апостолхэр зэраукӀыным иджыри пылъхэу. Апхуэдэу, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм фӀэкӀ зимыӀэну унафэр щащӀу, дунейм Ӏыхьэ хуэхъунур белджылы хъуа нэужьи, щӀым щыпсэухэр абы щыгъуэзэнукъым. Тхьэм и Духым ибгынэпа цӀыхухэм, япэми хуэдэу дин Ӏуэхухэр ялэжьынущ, дин хабзэ-бзыпхъэхэу зэрахьэхэм къыпащэу. ШейтӀаным и мурад бзаджейхэр зригъэхъулӀэн папщӀэ диным егугъу хуэду абыхэм яхилъхьэну лъагъуныгъэ нэпцӀыр игъэбэгъуэнущ, абыхэм Тхьэм хуэлажьэ хуэдэу фэ ятету, арщхьэкӀэ, ипэжыпӀэкӀэ шейтӀаным хуэпщылӀхэу. GCKar 578.1
Щэбэтым ехьэлӀауэ чристэн жылагъуэ псоми бэнэныгъэшхуэ къаӀэта нэужь, диныр зыӀэщӀэлъ тепщэр къэралым и бжьыпэр зыӀыгъхэм гухьэу, тхьэмахуэ махуэр псоми залымыгъэкӀэ ягъэлъэпӀэн хуейуэ унафэ къащта нэужь, цӀыхубэм гущыкӀ хуищӀынущ зэакъылэгъуу псоми къызэдащта унафэр ягъэзэщӀэн ямыдэу къэувыну цӀыху мащӀэхэм. Абы щыгъуэм иджыри унафэу къащтэнущ, а гуп цӀыкӀум, Члисэм и жыӀэми къэралым и унафэми едэӀуэну хуэмейхэм, зыми ягу щӀэгъу мыхъуну, хуэмыщэбэну, сыту жыпӀэмэ, а гуп мащӀэр гугъу ехьми нэхъыфӀынущ жаӀэнущ, лъэпкъ псори зэныкъуэкъуныгъэрэ щӀэпхъаджагъэмрэ хуэмыкӀуэн папщӀэ. ЛӀэщӀыгъуэ пщыкӀуийкӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, апхуэдэ къуаншагъэ Хьиса бгъэдалъхьауэ щытат «лъэпкъым я нэхъыщхьэхэм». Каиафа жиӀат: «ДэркӀэ нэхъыфӀынущ, цӀыхубэм папщӀэ зы цӀыху лӀэмэ, лъэпкъыр зэрыщыту зэтекӀуадэ нэхърэ» (Ин. 11:50). Апхуэдэ унафэр губзыгъагъэу цӀыхухэм къащыхъунущ, щӀэх дыди законыщӀэ къыдагъэкӀынущ, Тхьэм и еплӀанэ унафэм ипкъ иткӀэ щэбэтыр зыгъэлъапӀэхэм ехьэлӀауэ. Абы къыжиӀэнущ мыпхуэдэу: щэбэтыр зыгъэлъапӀэхэм тезыр ткӀий яхуэфащэхэу, зэман пыухыкӀа дэкӀмэ, цӀыхубэр хуит ищӀу апхуэдэхэр яукӀыну. Католицизмэм нэхъапэм зэрищӀам къытригъэзэжу, къикӀуэтыжа протестантизмэми абыи зыдригъэкӀуу, икъукӀэ акъылэгъу зэхуэхъунущ Тхьэм и унафэ псори зыгъэзащӀэхэм зэрахущытыпхъэмкӀэ. GCKar 578.2
А лъэхъэнэм Тхьэм и лъэпкъым гугъуехьрэ гуауэрэ яшэчынущ, бегъымбарым Екъуб и гузэвэгъуэ зэманым хуигъадэу къиӀуатэр: «Зиусхьэным жиӀащ мыпхуэдэу: гузэвэгъуэрэ шынагъэ макърэщ дэ зэхэтхыр, мамырыгъэм и макъкъым... Псоми я нэкӀур фагъуэщ, я фэр пыкӀащ. Сыту гузэвэгъуэшхуэ! Сыту махуэ хьэлъэ, апхуэдэ зэи щыӀакъым; — ар Екъуб и гузэвэгъуэ зэманщ, ауэ ар абы кърагъэлынущ!” (Иер. 30:5-7). GCKar 578.3
Екъуб псэкӀэ гузэвэгъуэ щишэча жэщым, Исав ӀэщӀэкӀыну хуейуэ тхьэлъэӀукӀэ бэнэныгъэ зыхэтам къегъэлъагъуэр гузэвэгъуэ зэманым Тхьэм и лъэпкъыр зыхэтыну къыпэплъэ гупсысэгъейр. И адэм и нэфӀщыхуэныгъэу Исав хухахауэ щытыр хьэрэмыгъэкӀэ зыӀэригъэхьэри, и къуэшым щышынэу Екъуб щӀэцӀывэжауэ щытащ, и псэр къригъэлын папщӀэ. Илъэс ӀэджэкӀэ хамэщӀым щыпсэуауэ абы Зиусхьэным къыжриӀащ и фызхэри и бынхэри и гъусэу, и Ӏэщ хъушэхэри щӀыгъуу и хэкум игъэзэжын хуейуэ. И хэку щӀыналъэм и гъунапкъэм нэсыжауэ абы хъыбар шынагъуэ къыӀэрыхьащ, Исав шуудзэ зэщӀэузэда щӀыгъуу къыпежьауэ къакӀуэу. Абы шэч къытрихьэртэкъым и къуэшым ар игъэпшынэжыну къызэрыхуэпӀащӀэм. Ӏэщэ-фащэншэу зызымыхъумэжыфыну Екъуб дэщӀыгъу къомыр залымыгъэм, лъыгъажэм псэхэкӀуадэ хэхъухьыныр бетэмалт. Шынагъэмрэ гузэвэгъуэмрэ имызакъуэу, ар и напэ къеныкъуэкъуми гугъу иригъэхьырт, абы къыгурыӀуэрт езым илэжьа гуэныхьым и ягъэкӀэ псоми шынагъэ къазэрыкӀэщӀэзэрыхьар. Ар зыщыгугъ закъуэр Тхьэм и гущӀэгъурт; ар къэзыхъумэфын закъуэу щытыр тхьэлъэӀурт. АрщхьэкӀэ, абы хузэфӀэкӀ псори ищӀащ, и къуэшым деж щилэжьа къуаншагъэр ипшыныжу, шынагъуэ къахуэкӀуэр ящхьэщыкӀын папщӀэ. Апхуэдэу Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэми гузэвэгъуэ зэманыр къыщыскӀэ я къару псори ирахьэлӀэн хуейщ, я фӀэщхъуныгъэр зищӀысыр цӀыхухэм тэмэму ирагъэлъэгъун папщӀэ, абыхэм къафӀэщӀхэр зэрыпцӀыр къагурагъаӀуэу диным ехьэлӀауэ щхьэхуитыныгъэм къыщхьэщыхьэнкӀэ хъуну шынагъэр ягъэкӀуэдын хуейщ. GCKar 579.1
Гузэвэщауэ зэрыщытыр яримыгъэлъэгъун щхьэкӀэ, и Ӏыхьлы гъунэгъухэр зыбгъэдигъэкӀри, Екъуб Тхьэм и пащхьэ и закъуэ къинащ, гущӀэгъу къыхуищӀыну елъэӀуну. Абы и гуэныхьымкӀэ зиумысыжри, къыхуигъэгъуну Тхьэм елъэӀуащ, гущӀэгъуу иджыри къыздэсым Тхьэм къыхуищӀам щхьэкӀи фӀыщӀэ хуищӀащ; абы и адэжьхэм Тхьэм зэгурыӀуэныгъэ ярищӀылӀауэ щытар хуабжьу Ӏэдэбу тегъэщӀапӀэ ищӀащ, итӀанэ игу къигъэкӀыжащ щыщӀэпхъуам щыгъуэ егъэзыпӀэ ищӀауэ щыта Вефиль деж, Тхьэм къыбгъэдэкӀыу абы жэщым къыхуэлъэгъуар, ар Тхьэм къызэригъэгугъауэ щытахэр. Абы и гъащӀэм щыщу а сыхьэтыр псэзэпылъхьэпӀэт; а зэманым епхат дяпэкӀэ и къэкӀуэну псори. И закъуэ дыдэу икӀи кӀыфӀыгъэм къиухъуреихьауэ абы и тхьэлъэӀум къыпищэрт, Тхьэм и пащхьэ и щхьэр щигъэлъахъшэурэ. НапӀэзыпӀэм абы и дамэм зыгуэрым и Ӏэр къытрилъхьащ. Абы къыщыхъуащ и псэр къыхихыну хуейуэ бийр къыхуэкӀуауэ, арати, хъыжьэу хамэм ебэнын щӀидзащ. Нэхущ щыхъум мынэӀуасэм и къару телъыджэр наӀуэ ищӀащ: зэ закъуэ къызэреӀусам а цӀыху лъэщым зыри лъэмыкӀыж ищӀауэ къыпщыхъурт, абдежым Екъуб гъуэгыу и бий телъыджэм и бгъэгум техуащ. Иджы Екъуб къыгурыӀуат ар, Тхьэм и МелыӀычым зэребэнар. И къару псор щӀэкӀауэ, и лъакъуэр хуабжьу къеузу, ар хагъэщӀауэ къэнэну хуейтэкъым. Дапхуэдиз зэманкӀэ абы ищӀэныр имыщӀэу Ӏэнкуну, и напэр сыуэ, бэлыхьыр телъу, и гуэныхьхэм гугъу ирагъэхьу зэрыщытар, иджы ар хуейт и гуэныхьхэр къызэрыхуэгъуар быдэу ищӀэну. Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ щыт мынэӀуасэм ар къигъэнэну зигъэхьэзырауэ къыщыгурыӀуэм, Екъуб пхъуэри быдэу Ар иубыдащ и нэфӀ къыщихуэну елъэӀуу. МелыӀычыр къытричырт: «СыутӀыпщ, жиӀэрт, пшэкӀэплъ къищӀащ, жиӀэрт”, арщхьэкӀэ, ди адэжь Екъуб: «УзутӀыпщынукъым, Уи нэфӀ къысщумыхуауэ!» — жиӀащ. Сыту фӀэщхъуныгъэшхуэ! Сыту ерыщагъышхуэ! Екъуб и псалъэхэм зыкъыфӀэщӀыжауэ зыщыгугъыжыныгъэ хэлъатэмэ, а дакъикъэм занщӀэу ар яукӀынут, ауэ абы игъэлъэгъуар и тхьэмыщкӀагъэр зыӀуатэу, атӀэми, Зи псалъэр зыгъэпэж Тхьэм и гущӀэгъум щыгугъ гуэныхьыщӀэ цӀыхум и нэрыгъырщ. GCKar 579.2
«Ар мелыӀычым ебэнри — текӀуащ” (Ос. 12:4). ЛӀэныгъэм ӀэщӀэлъ а гуэныхьыщӀэ гъуэщар и ӀэсагъэмкӀэ, и хущӀегъуэжыныгъэмкӀэ, и псэм емыблэжыныгъэмкӀэ Уафэм и ЛъапӀагъэм текӀуащ. Тхьэм къызэригъэгугъахэм дзыхь хуищӀащ абы, и гур къилъэтурэ, арати, Зи гум фӀылъагъуныгъэ гъунапкъэншэр Щызым гуэныхьыщӀэм и лъэӀур зэхимыхыу къэнакъым. ТекӀуэныгъэм и дамыгъэу икӀи нэгъуэщӀхэми щапхъэ къытрахын хуэдэу, абы и цӀэр, гуэныхьыр уигу къэзыгъэкӀыжу щытар, яхъуэжащ, иджы абы и цӀэщӀэм, абы и текӀуэныгъэр игъэлъагъуэрт. Екъуб Тхьэм текӀуащ — дяпэкӀэ цӀыхухэми зэрытекӀуэным и шэсыпӀэт ар. Иджы и къуэшым и губжьым ар афӀэкӀа щышынэжыртэкъым, Зиусхьэныр абы и хъумакӀуэти. GCKar 580.1
ШейтӀаным Екъуб щигъэкъуэншат Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм, икӀи и гуэныхьым щхьэкӀэ ар иукӀын и мураду, абы Исав къызэщӀигъэстат къытригъэуэну. Арати, жэщ кӀыхьым екӀуэкӀа бэнэныгъэм ар щегугъуат Екъуб и гуэныхьхэм иригъэтхьэлэну, и къуаншагъэм фӀэкӀа нэгъуэщӀ имылъагъуж ищӀу, гузэрыдзэ иригъэщӀу, Тхьэм зыкӀи щимыгъэгугъыжыну. Екъуб гугъапӀэншэ дыдэм нэс пэтащ, абы ищӀэрт Тхьэр къыдэмыӀэпыкъумэ зэрыкӀуэдынур. Ар игу псомкӀэ и гуэныхьышхуэм хущӀегъуэжауэ Тхьэм и гущӀэгъум щӀэлъэӀуащ. Абы и гугъэ хихыжакъым, атӀэ, МелыӀычыр быдэу иӀыгъыу, имыутӀыпщу, гущӀыхьэу гъыуэ хуабжьу елъэӀуащ текӀуэныгъэр зыӀэригъэхьэху. GCKar 580.2
ШейтӀаным зэгуэрым Исав Екъуб бий хуищӀу, иукӀыну зэрытригъэгушхуам хуэдэу, гузэвэгъуэ зэманым бзаджагъэ зыщӀэхэр къызэщӀигъэстынущ Тхьэм и лъэпкъыр зэтригъэукӀэн папщӀэ. Абы Екъуб зэригъэкъуэншам хуэдэу, Тхьэм и лъэпкъри игъэкъуэншэнущ. ЩӀым щыпсэухэр езым и къэрал щыпсэу хуэдэу елъытэр абы, арщхьэкӀэ, зы гуп цӀыкӀум, Тхьэм и Унафэхэр зыгъэзащӀэхэр абы и жыӀэм едаӀуэркъым. Ахэр абы хуэгъэкӀуэдамэ, итӀанэ и текӀуэныгъэр зыри щыщӀэнутэкъым. ШейтӀаным елъагъу мелыӀыч лъапӀэхэм ахэр зэрахъумэр, аращи, абыхэм я гуэныхьхэр къахуэгъуащ, ауэ иджыри ищӀэркъым абыхэм я къэкӀуэнум уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм унафэ зэрыщытращӀыхьар. Ар пэж дыдэу щыгъуазэщ абыхэм гуэныхьу ящӀахэм, езыращ ахэр зыгъэӀулэурэ езыгъэщӀари, аращи, ахэр Тхьэм и пащхьэ нэхъ емыкӀухэу, мыгурыхьхэу ирегъэувэр, езым хуэдэу, ахэри Тхьэм и гущӀэгъум хэгъэныжын хуейуэ къыжиӀэурэ. ШейтӀаным жеӀэр, Тхьэр захуагъэ зыщӀэмэ, ахэм я гуэныхьхэр къахуимыгъэгъуфыну, езыри адрей жинхэм дэщӀыгъуу имыгъэкӀуэдыжыфыну. Ахэр езым и къуентхъым хуэдэу езым ейуэ тригъэчыныхьурэ, къызэригъэтыжыну мэныкъуакъуэр, зэрыхуейуэ лей бзаджэ ярихын папщӀэ. GCKar 581.1
ШейтӀаным Тхьэм и лъэпкъыр гуэныхькӀэ зэригъэкъуаншэм къыхэкӀкӀэ, Тхьэм ар хуит ещӀ цӀыхухэр гъэунэхуныгъэ гуащӀэхэм хидзэну. Тхьэм и лъэпкъым Тхьэм дзыхь зэрыхуащӀри, я фӀэщхъуныгъэри, я быдагъри ягъэунэхунущ. БлэкӀам щеплъэкӀыжкӀэ ахэм гугъэр яфӀокӀуэд, я гъащӀэ псом фӀыуэ мащӀэщ хагъуэтэнури. Абыхэм фӀы дыдэу зэхащӀыкӀыж я лъэрымыхьагъри, я щыщӀэныгъэхэри. ШейтӀаныр йогугъ ахэр игъэшынэну, зыщыгугъын щымыӀэу къащигъэхъуурэ, я гуэныхьхэр зыхамыныфыну яригъэгугъэурэ. Ар зыпэрытыр абыхэм я фӀэщхъуныгъэр игъэкӀуэдынырщ, и гъэӀулэныгъэхэмкӀэ ахэр къыдихьэхыфын щхьэкӀэ, апхуэдэу Тхьэр яригъэгъэпцӀын папщӀэ. GCKar 581.2
ЗыгъэкӀуэдыну хущӀэкъу бийхэм Тхьэм и лъэпкъыр къаухъуреихьу щытынуми, ахэр гугъапӀэншэ зыщӀынур пэжыгъэм папщӀэ къызэрырахуэкӀынум игъэшынэнуракъым, атӀэ къахуэмыгъуауэ гуэныхь гуэр къахуэнауэ щытынкӀэ зэрыхъунырщ. Аращи, КъегъэлакӀуэм и гъэгугъэныгъэм: «Гъэунэхуныгъэ илъэсу дуней псом къыхуэкӀуэным ущысхъумэнущ» жыхуиӀэм щымыгугъыфынкӀэщ. (Откр. 3:10). Я гуэныхьхэр къахуэгъуауэ абыхэм быдэу ящӀатэмэ, хьэзабми, лӀэныгъэми ахэр ягъэшынэфынутэкъым, ауэ ахэм къелыныгъэр яхуэмыфащэу къыщӀэкӀмэ, гуэныхьхэм ахэр кӀуэдыжыныгъэм хуашэмэ, абы щыгъуэм Тхьэм и цӀэ лъапӀэр хаутэнущ. GCKar 581.3
ДэнэкӀи ахэр етэрщэхухэм щыӀуощӀэр, цӀыхухэр убатэу, Тхьэм зэрыпэщӀэувахэм и щыхьэтхэр наӀуэу ялъагъу, аращи, ягу псомкӀэ хуолӀэр бзаджащӀэхэм я Ӏуэху Ӏейхэм, я щӀэпхъаджагъэхэм кӀэ щигъуэтыну сыхьэтым. Ахэр Тхьэм йолъэӀу убатакӀуэхэр къигъэнэну, арщхьэкӀэ, езыхэр а къэукъубея ем пэщӀэтыну, абы гъуэгу ирамытыну зэралъэмыкӀым иригузавурэ псэкӀэ гугъу йохь. Абыхэм зэхащӀыкӀыж сытым дежи Мэсихь зэрыхуэлэжьэным я зэфӀэкӀ псори ирахьэлӀэу, къарууэ яӀэр къагъэсэбэпауэ щытатэмэ, итӀанэ, шейтӀаным и къарур нэхъ къазэрымыпэлъэщынутэр. GCKar 582.1
Тхьэм и пащхьэ я щхьэр щагъэлъахъшэурэ, абыхэм ягу къагъэкӀыж япэм Зиусхьэным гуэныхь куэд къахуигъэгъуауэ зэрыщытар, КъегъэлакӀуэм и гъэгугъэныгъэми щогугъ: «Сэ схъумэну, къызэкӀужыну хуеймэ? Абы щыгъуэм зэгурыӀуэныгъэ мамырыгъэкӀэ къызэрещӀылӀэ” (Ис. 27:5). Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр ямыгъэтӀасхъэурэ йокӀуэкӀ, я лъэӀухэм и жэуап асыхьэтым къаӀэрыхьэу щымытми. Гузэвэгъуэ иным зэрихьэу, узижэгъуэну гугъапӀэншэ дыдэу зэрыщытым емылъытауэ, абыхэм я тхьэлъэӀухэр зэпагъэуркъым. Тхьэм и къарум зыкӀэращӀащ абыхэм, Екъуб МелыӀычым зыкӀэрищӀэу зэрелъэӀуам хуэдэу: «УзутӀыпщынукъым, Уи нэфӀ къысщумыхуауэ!» — жиӀэу. GCKar 582.2
Екъуб япэщӀыкӀэ и гуэныхьхэм: гъэпцӀагъэкӀэ щыпэлъхугъэр зэрызыӀэригъэхьам хущӀегъуэжауэ щымытамэ, и тхьэлъэӀур Тхьэм зэхихынутэкъым, и гъащӀэри хуихъумэнутэкъым. Апхуэдэу щытынущ гузэвэгъуэ зэманми: Тхьэм и бынхэм я гуэныхьхэм хущӀегъуэжауэ, заумысыжу къагъэнауэ щымытмэ, гузавэмрэ гуауэмрэ къатекӀуэнущ; гугъапӀэншэм игъэтӀэсхъэнущ абыхэм я фӀэщхъуныгъэр, быдэу ящӀэнукъыми къригъэлыну зэрелъэӀухэр Тхьэм зэхихыу. Ауэ абыхэм зыри зэрахуэмыфащэр зэхащӀыкӀыжу щытынуми, яущэхуауэ, щӀахъумауэ зы гуэныхьи яӀэнукъым. Абыхэм я гуэныхьхэм нэхъапэм хьэкумым щыхэплъэри, ягъэкӀуэдыжащ, аращи, ахэр къахуэгубзыгъыжынукъым. GCKar 582.3
ШейтӀаным куэдым я фӀэщ ещӀыр мыхьэнэшхуэ зимыӀэхэмкӀэ ухуэмыпэжыным Тхьэм гу лъимытэ хуэдэу, арщхьэкӀэ, Тхьэр Екъуб зэрыхущытам къегъэлъагъуэр, Абы зыкӀи ер зэримыгъэзахуэр икӀи зэримышэчыр. Зи гуэныхьхэр игъэзэхуэжыну е зыущэхуну хущӀэкъухэм, аращи, зэрыхущӀемыгъуэжар, къазэрыхуэмыгъуар уафэм щыӀэ тхылъхэм итхауэ къизынэхэм шейтӀаныр къатекӀуэнущ. Я лэжьыгъэр, я къулыкъур нэхъ лъагэху, апхуэдэхэм я гуэныхьри Тхьэм и пащхьэм нэхъ хьэлъэ щохъу, абы щыгъуэм я бийм и ехъулӀэныгъэр нэхъ къохъулӀэр. Зиусхьэным и махуэм зыхуэгъэхьэзырыныр езыгъэтӀылъэкӀхэм, гузэвэгъуэ зэманым хьэмэрэ абы къыкӀэлъыкӀуэ зэманым загъэхьэзырын яхузэфӀэкӀыжынукъым. Абыхэм я Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, фӀэкӀыпӀэншэу кӀуэдыжынущ. GCKar 582.4
Иужь дыдэ бэнэныгъэ узижэгъуэным зызыхуэмыгъэхьэзыра чристэнхэм гугъапӀэншэу я гуэныхьхэмкӀэ Тхьэм и пащхьэ зыщаумысыжу щӀадзэнущ, бзаджагъэ зыщӀэхэр ахэр зыхэт гузэвэгъуэм щыдыхьэшхынущ. Абыхэм я зыумысыжыныгъэр зыхуэдэнур Исав е Иудэ и зыумысыжыныгъэрщ. Апхуэдэ хущӀегъуэжыныгъэкӀэ абыхэм ягъейр гуэныхьыркъым, атӀэ а гуэныхьхэм къахуихьарщи. Ахэр ягу псомкӀэ гуэныхьым хущӀегъуэжакъым икӀи ягу щыкӀыжакъым. Абыхэм я гуэныхьхэр къыщӀыщӀагъэщыр тезыр къатехуэнум щошынэхэри аращ, ауэ пасэм щыгъуэ фирхьэун зэрищӀэу щытам хуэдэу, тезыр къатехуэнкӀэ шынагъэр ящхьэщыкӀыжмэ, я гуэныхьхэм къытрагъэзэжынущ. GCKar 583.1
Екъуб и хъыбарым къыдегъащӀэр гъэӀулэныгъэм и къарум пэмылъэщу гуэныхь зыщӀауэ, арщхьэкӀэ, игу псомкӀэ хущӀегъуэжауэ, Тхьэм елъэӀухэр къимыдэу зэрыщымытыр. Апхуэдэ цӀыхухэр игъэкӀуэдыну шейтӀаныр щыхущӀэкъум деж, Тхьэм и мелыӀычхэр абыхэм къахуигъэкӀуэнущ, я гур фӀы хуащӀыжурэ къахъумэн папщӀэ. ШейтӀаныр къыщыптеуэкӀэ хуабжьу губжьауэ, щхьэмыгъазэу щытщ: абы и гъэпцӀагъэр узижэгъуэнщ, ауэ Зиусхьэным и нэӀэ тригъэтщ и лъэпкъым, икӀи зэхех я лъэӀу псори. Ахэр хуабжьу гугъу йохь, пэшхьэку жьэражьэм и мафӀэм ахэр ипхъуэтэну хьэзырщ, арщхьэкӀэ, ГъукӀэ щэджащэм ахэр къригъэлынущ, мафӀэкӀэ ягъэунэхуа дыщэм хуэдэу. Нэхъ ткӀий дыдэу щигъэунэху зэманми, Тхьэм и бынхэр фӀы дыдэу елъагъу, икӀи хуэщабэщ, ахэр бэӀутӀэӀуншэу щыпсэу зэманым зэрилъагъум хуэдэу, ауэ ахэр мафӀэ гъэунэхуныгъэм кӀуэцӀрыкӀын хуейщ: дунейм хуаӀэ пыщӀэныгъэ псори мафӀэм игъэкӀуэду, ахэр нэгъэсауэ Мэсихь ещхь хъуфын папщӀэ. GCKar 583.2
А гузэвэгъуэ хэкӀыпӀэншэ зэманым дэ щыдиӀэн хуейщ фӀэщхъуныгъэ, езэшынми, зыӀэжьэныгъэми, гъаблэми текӀуэу, — фӀэщхъуныгъэ, уеблэмэ, гъэунэхуныгъэ нэхъ ткӀий дыдэми имыгъэтӀасхъэу. Псоми гъэунэхуныгъэ зэман иратынущ, гузэвэгъуэ иным зыхуагъэхьэзырын папщӀэ. Екъуб щӀытекӀуар тегушхуэныгъэ, ерыщагъ хэлъти аращ. Абы и текӀуэныгъэр щыхьэт тохъуэр укъимы кӀуэту Тхьэ уелъэӀуным хэлъ къарум. Екъуб хуэдэу Тхьэм и гъэгугъэныгъэхэм щыгугъыу, ар нэрыгъ ищӀу, апхуэдиз егугъынагъ езыхьэлӀэхэм ехъулӀэныгъэ ягъуэтынущ. Мыдрейуэ зи щхьэзыфӀэфӀагъыр зыхэзыныну, хьэзабыр яшэчу Тхьэм ебэныну хуэмейхэм, куэдрэ хуабжьу егугъуу Абы и нэфӀщыхуэныгъэхэм щӀэлъэӀуну хуэмейхэм ахэр къаӀэрыхьэнукъым. Тхьэм ебэныныр — сыту цӀыху мащӀэ абы къикӀыр къызыгурыӀуэхэр! Сыту цӀыху мащӀэ зи псэр гугъу езыгъэхьхэр, ялъэкӀ къамыгъанэу, Ӏэмалу ягъуэт псори къэзыгъэсэбэпхэр я тхьэлъэӀухэр Тхьэм зэхихын папщӀэ. КъыпхуэмыӀуэтэну гугъапӀэншэм, хэкӀыпӀэншэм итхьэлэну къыщхьэщыхьауэ, цӀыхур Тхьэ щелъэӀум деж, апхуэдэ дакъикъэхэм, сыту мащӀэ абыхэм къахэкӀыр я фӀэщхъуныгъэр мытӀасхъэу, Тхьэм и гъэгугъэныгъэхэм щыгугъыу! GCKar 583.3
Зи фӀэщхъуныгъэр махэм шынагъуэшхуэ къыщхьэщытщ, шейтӀаным узэригъэщхьэрыуэхэм и тепщэм щӀэхуэу, напэм лей езых унафэм едэӀуэнкӀэ. Уеблэмэ, абыхэм гъэунэхуныгъэ зэманыр яшэчыфми, гузэвэгъуэ зэманыр яхуэмышэчу, ягухэр зэщыунущ, хуабжьу я гупсысэхэр зэтрихунущ, псэкӀэ гугъу ехьынущ, Тхьэм щыгугъыу ахэр зэремысам къыхэкӀкӀэ. ГугъэпӀэншагъэ зыхэтым зэрихуэурэ, ахэм япэм къафӀэмыӀуэхуа Ӏуэхум, Тхьэм дзыхь зэрызэхуащӀыным зрагъасэу щӀадзэнущ. GCKar 584.1
Нобэ дэ Тхьэр зэдгъэцӀыхун хуейщ, Абы дыкъызэригъэгугъахэр дгъэунэхуурэ. МелыӀычхэм дэтхэнэ зы ди тхьэлъэӀу купщӀафӀэу гу къабзэм къыбгъэдэкӀыр ятх. Тхьэм уепсэлъэныр къыпфӀэмыӀуэхун нэхърэ, уи щхьэр бгъэфӀэным зыхэбгъэкӀыжми нэхъыфӀщ. Зыри уимыӀэу утхьэмыщкӀэу, ауэ Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэхэр бгъуэту упсэуми нэхъыфӀщ, мылъкум ухэсрэ, пщӀэрэ-щхьэрэ къыпхуащӀу, тыншыгъуэ бгъуэту, ныбжьэгъухэм укъаухъуреихьу упсэууэ, ауэ щыхъукӀи Тхьэм укъигъэнауэ ущыт нэхърэ. Дэ тхьэлъэӀум зэман хухэтхын хуейщ. Дуней Ӏуэхухэм датхьэкъумэ, абы щыгъуэм Тхьэм зыкъыдигъэщӀэжыфынущ дыщэм хуэдэу дгъэлъапӀэ тхьэпэлъытэ тщӀахэмрэ ди щӀы бэвхэмрэ къытӀэщӀихыу. GCKar 584.2
ЦӀыху щӀалэхэм гуэныхьым зыщахъумэфынущ, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэхэм зыщыщӀэлъэӀуфын фӀэкӀа нэгъуэщӀ гъуэгухэр къыхахын ямыдэурэ. Тхьэм и хъыбарыфӀзехьэхэр, иужь сакъыныгъэ хъыбарыр мы дунейм хуэзыхьхэр гущӀыӀэу, жанагъ яхэмылъу, къафӀэмыӀуэхущэу Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэм щӀэлъэӀуным и пӀэкӀэ, хуабжьу къафӀэӀуэхурэ фӀэщхъуныгъэ яӀэу, Екъуб зэрищӀам хуэдэу, лъаӀуэу щытатэмэ, куэдрэ къэхъунут мыпхуэдэу щыжаӀэфын: «Сэ Тхьэр ди нэкӀур зэхуэгъэзауэ слъэгъуати, итӀанэми, си псэр схэкӀакъым» (Быт. 32:30). ИтӀанэ, Уафэм ахэр пщыхэм хуэдэу илъытэнущ, Тхьэми цӀыхухэми зэратекӀуэн къару яӀэнущ. GCKar 584.3
Куэд мыщӀу гузэвэгъуэ зэманыр къэсынущ «зэи къэмыхъугъар». Абы щыгъуэм дэ иджыпсту дымыгъэунэхуа опыт дыхуэныкъуэнущ, куэдыр нобэ Ӏейуэ мэщхьэх ар зрагъэгъуэтыну. Нэхъыбэм шынагъэ гуэрым уежьэныр нэхъ гугъущ, езы шынагъэм уӀууэным, пшэчыным нэхърэ, ауэ дэ къытпэплъэ гузэвэгъуэ гуащӀэм ар епхьэлӀэ хъунукъым. Акъыл нэхъ жан дыдэм и нэгу къыщӀигъэхьэфынукъым, Тхьэм и лъэпкъым абы щыгъуэм гурыгъузу я псэм телъыну псор зыхуэдизыр. А гъэунэхуныгъэ зэманым дэтхэнэ зы цӀыхури и закъуэу Тхьэм и пащхьэ итынущ. Нухь, Данил, Аюб сымэ псэужатэми, «я къуэхэри я пхъухэри кърагъэлыфынутэкъым, езыхэм я щыпкъагъэмкӀэ кърагъэлыфынур я щхьэ закъуэт” (Иез. 14:20). GCKar 585.1
Иджы ди Щоджэнышхуэ Пашэм Тхьэм дыщригъэкӀуж зэманым, МэсихькӀэ цӀыху щыпкъэ дызэрыхъуным дэ дыхущӀэкъун хуейщ. Ди КъегъэлакӀуэм гъэӀулэныгъэхэм худичыхыну и гупсысэ къудейм къыхигъэхьэртэкъым. ШейтӀаным цӀыхум и гум тӀасхъапӀэ къыщелъыхъуэ, фӀэгъэнапӀэ ищӀын папщӀэ; абы и гъэӀулэныгъэхэм къару иригъэгъуэтыфынущ гуэныхь зыпылъ хъуапсэныгъэ закъуэ нэхъ мыхъуми уи гум щыбгъафӀэу зепхьэмэ. Ауэ Мэсихь Езым теухуауэ жиӀауэ щытащ «Мы дунейм и тепщэр гъунэгъу къохъур, ауэ абы и Ӏуэху лъэпкъ къысхэлъкъым» (Ин. 14:30). ШейтӀаным Тхьэм и Къуэм и деж зыри къыщыхуэгъуэтакъым, Абы текӀуэн папщӀэ фӀэгъэнапӀэ ищӀыфын зыри. Хьиса и Адэм и унафэхэр игъэпэжащ, абы зыри гуэныхь иӀэтэкъым, шейтӀаным къару иригъэгъуэтын хуэдэу. Гузэвэгъуэ зэманым къызэтенэну хуей дэтхэнэми апхуэдэ щытыкӀэ иӀэн хуейщ. GCKar 585.2
Мы дуней гъащӀэм дэ гуэныхьыр тпэӀэщӀэ тщӀын хуейщ, Мэсихь Илъ дыкъэзыщэхужым худиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ. Ди КъегъэлакӀуэр къыдоджэр ди лъэмыкӀынагъыр Абы и къарум пыдигъэщӀэну, ди жэхьилыгъэр — Абы и Ӏущыгъэм, тхуэмыфащэныгъэр — Абы и фӀыщӀагъэхэм. Тхьэм и жыжьэплъэныр дэ ди еджапӀэщ, дэ абы дыщеджапхъэщ Хьиса и Ӏэсагъымрэ и щэныфӀагъымрэ зыхэтлъхьэн папщӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дэ дегъэлъагъу гъащӀэм и купщӀэ пэжыр дэрами, дэ тфӀэтыншыну, дигу ирихьыну гъуэгуракъым абы къытхуигъэлъагъуэр. Дэ къытхуэнэжыр Тхьэм и хьэлым ещхьын хуэдэу, Уафэм хьэлыфӀ къы зэрытхилъхьэ Ӏэмалыр къэтщтэнырщ. А лэжьыгъэм теухуауэ зытӀэжьэныр хьэмэрэ къытфӀэмыӀуэхуныр зищӀысыр уи псэр зыфӀэбгъэкӀуэдынырщ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Яхья макъышхуэ зэхихащ мыпхуэдэу игъэӀуу: «ЩӀылъэми тенджызми гуӀэр фи махуэщ, зэман мащӀэ фӀэкӀ къызэрыхуэмынэжар ищӀэу, хуабжьу губжьауэ шейтӀаныр ныфхуехащи!” (Откр. 12:12). Сыту шынагъуэ Ӏей а Ӏуэхугъуэр! Ар пэжщ! И кӀэухыр нэхъ гъунэгъу къэхъухукӀэ, шейтӀаным и губжьым хэхъуэ зэпытщ, абы и гъэӀулэныгъэхэр, и зэхэкъутэн лэжьыгъэхэр щыбагъуэпэнур гузэвэгъуэ зэманырщ. GCKar 585.3
Куэд мыщӀу дэ уафэм къэхъу зи мыхабзэу телъыджэлажьэ къыщыхъунухэр къэтлъагъунущ — ар фӀэщхъуныджэ зылэжь жинхэм я тепщэм и дамыгъэщ. ШейтӀаным и жинхэр щӀылъэм и пащтыхьхэми дуней псоми хуэкӀуэнущ, абыхэм я щыуагъэхэр хуагъэдахэурэ уафэм и тепщэм иужь дыдэу ебэныну шейтӀаным гухьэнхэу трагъэгушхуэн щхьэкӀэ. GCKar 586.1
Абыхэм яхузэфӀэкӀынущ Ӏэтащхьэхэри лъэгущӀэтхэри къагъэпцӀэн. Мэсихьу зызыбжыж цӀыхухэри къэкӀуэнущ, КъегъэлакӀуэ закъуэм хуэфащэ цӀэри, щӀыхьри, щхьэщэри езыхэм зыхуагъэфащэу. Абыхэм уз Ӏейхэр ягъэхъужу къару телъыджэлажьэ ягъэлъэгъуэнущ, уэхьий къахуехауи цӀыхухэм я фӀэщ ящӀынущ, арщхьэкӀэ, къахуехауэ жыхуаӀэнур Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтхэм пэщӀэувэу щытынущ. GCKar 586.2
ГъэӀулэныгъэм и нэщхъеягъуэ кӀэухыу щытынур шейтӀаным езыр Мэсихьу зигъэӀуу, цӀыхухэр къигъэпцӀэну зэрыхэтынырщ. Члисэм куэд щӀауэ жеӀэр КъегъэлакӀуэр къызэрыкӀуэжынум зэрежьэр, и гугъэхэр щызэщӀэну махуэм зэрежьэр. Иджы гъэпцӀакӀуэ иным Мэсихь къэкӀуэж хуэдэу къегъэлъагъуэр. Дунейм и къуапэ зэмылӀэужьыгъуэхэм шейтӀаныр цӀыхухэм къащыхыхьэнущ, лъапӀагъэ ин зыбгъэдэлъ хуэдэу, узримыгъэплъу нурыр къыщхьэщихыу, КъызэӀузых Тхылъым Яхья къыщыдигъэлъагъу Тхьэм и Къуэм и теплъэр уигу къигъэкӀыжу (еплъ Откр. 1:13-15). Ар къэзыухъуреихьыну щӀыхьыр, цӀыхум зэгуэрым илъэгъуауэ щытам ефӀэкӀынущ. ЦӀыхухэм ягъэщӀагъуэу: «Мэсихь къэкӀуащ! Мэсихь къэкӀуащ», — жаӀэу дэнэкӀи щагъэӀунущ. Ар ягъэлъапӀэу цӀыхухэр абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхынущ; абы и Ӏэхэр иӀэтурэ ахэм и нэфӀ ящихуэнущ, Мэсихь щӀылъэм щыщыӀам зэрищӀэу щытам хуэдэу. Абы и макъыр щабэу, тхьэкӀумэм гуапэу иӀуэу, макъамэ дахэм хуэдэу щытынущ. Щабагърэ гущӀэгъукӀэ гъэнщӀа макъкӀэ абы, зэгуэрым Мэсихь игъэӀуауэ щыта нэфӀщыхуэныгъэ зыпылъ пэжыгъэхэр къытригъэзэжурэ жиӀэнущ; цӀыхухэм я узхэр игъэхъужынущ, итӀанэ, Мэсихь зригъэщхьурэ, щэбэтыр тхьэмахуэм игъэӀэпхъуауэ жиӀэнущ, псоми унафэ яхуищӀынущ а махуэр, езым и нэфӀ зыщыхуар, ягъэлъэпӀэн хуейуэ. Ебланэ махуэр ерыщу зэпамыгъэууэ зыгъэлъапӀэхэм, абы и цӀэр ягъэпуду жиӀэнущ абы, нэхурэ пэжыгъэрэ къахуэзыхь мелыӀычхэми едэӀуэн ядэркъым жиӀэу къыпищэурэ. Сыту зэхэгъэкӀыгъуейуэ гъэпцӀагъэшхуэ-тӀэ ар! Симеон Ӏэзэм къигъэпцӀа самаритянхэм хуэдэу, цӀыкӀури инри а удыгъэм щӀэдэӀунущ. Абыхэм жаӀэнущ: «Сыту Тхьэм и къару телъыджэ ар!” (Деян. 8:10). GCKar 586.3
АрщхьэкӀэ, Тхьэм и лъэпкъыр къыхуэгъэпцӀэнукъым абы. Мэсихь нэпцӀым и гъэсэныгъэр Тхыгъэ ЛъапӀэм пэщӀоувэр. ХьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуэзыщӀхэм абы и нэфӀ ящехуэр, гущӀэгъу лъэпкъ хэмыту Тхьэм и губжьыр зылъысыну Библием жыхуиӀэ дыдэхэм. GCKar 587.1
КъищынэмыщӀауэ, шейтӀаныр хуит ящӀакъым Мэсихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэм хуэдэ къигъэлъэгъуэну. КъегъэлакӀуэм и лъэпкъыр иущиящ, апхуэдэ гъэпцӀагъэм зыщахъумэфын щхьэкӀэ, и къэкӀуэжыгъуэр зэрыщытынур ӀупщӀу къажриӀэри: «Мэсихь нэпцӀхэри бегъымбар нэпцӀхэри къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъэгъуэнущ, уеблэмэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри къагъэпцӀэн мурад яӀэу... Аращи, “Ар губгъуэ нэщӀым итщ” къывжаӀэкӀи фымыкӀуэ, е “Ар пэш щэхум щӀэтщ”, жаӀэкӀи, фи фӀэщ фымыщӀ; къуэкӀыпӀэмкӀэ къыщыуэ уафэхъуэпскӀыр къухьэпӀэмкӀи зэрыщыплъагъум ещхьынущ, ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу къехам и къэкӀуэжыгъуэр» (Мф. 24:24-27; иджыри еплъ Мф. 24:31; 25:31; Откр. 1:7; 1 Фес. 4:16, 17). Аращи, Мэсихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэм зыпхупыщӀыжынукъым. Ар дэнэкӀи къыщащӀэнущ, дуней псом ялъэгъунущи. GCKar 587.2
Тхыгъэ ЛъапӀэр егугъуу зыджхэрщ, пэжыгъэм и фӀылъагъуныгъэр къэзыщтахэрщ, дуней псор гъэр зыщӀыну гъэӀулэныгъэм и къарум щахъумэнухэр. Тхьэм и ПсалъэмкӀэ абыхэм гъэпцӀакӀуэр сэтей къащӀынущ. Псори ягъэунэхунущ. Гъэунэхуныгъэм чристэн пэжхэр къыхигъэщхьэхукӀынущ. А гъэӀулэныгъэм пэщӀэтыфын хуэдэу, Тхьэм и лъэпкъыр иджыпсту Тхьэм и Псалъэм быдэу тету пӀэрэ? А зэман хьэлъэм Библием тетыфыну ар, Библием и закъуэ? ШейтӀаным лъэкӀ къигъэнэнукъым, а махуэм зыхуагъэхьэзырыным зэран хуэхъун папщӀэ. Абы лъэпощхьэпо зэмылӀэужьыгъуэхэр къигъэхъунущ, цӀыхухэр дуней мылъкум итхьэкъуауэ щигъэтын папщӀэ, хущӀыхьэгъуэ яримыгъэгъуэту, ягухэр дуней Ӏуэхухэм етауэ гъэунэхуныгъэ зэманыр абыхэм я дежкӀэ уащхъуэдэмыщхъуэу, дыгъум хуэдэу, къатригъэуэн щхьэкӀэ. GCKar 587.3
Чристэн Ӏэтащхьэ зэмылӀэужьыгъуэхэм я Ӏэр зытедза тхылъымпӀэхэм къэрал тепщэхэр къащхьэщыжыну хуит ямыщӀу, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр зыгъэкӀуэдыну щӀэхъуэпсхэм я ӀэмыщӀэ иралъхьа нэужь, Тхьэм и бынхэм къалэхэр, жылэхэр ябгынэнурэ, щӀыпӀэ нэщӀ, щӀыпӀэ пхыдзахэр егъэзыпӀэ ящӀынущ. Куэдым бгъэдыхьэпӀэншэ бгыхэр зыгъэпщкӀупӀэ яхуэхъунущ. Пьемонт щыпсэуа чристэнхэм хуэдэу, ахэм бгы лъагэхэр псэупӀэ лъапӀэ ящӀынурэ, «бгъэдыхьэпӀэншэ къырхэм” щхьэкӀэ Тхьэр ягъэлъэпӀэнущ (Ис. 33:16). Ауэ лъэпкъ псоми ящыщ куэдыр, я лэжьыгъэкӀи емылъытауэ, тхьэмыщкӀэхэри къулейхэри, цӀыху еджагъэшхуэхэри къызэрыгуэкӀхэри, фӀыцӀэхэри хужьхэри гущӀэгъуншэу ягъэпщылӀынущ. Тхьэм фӀыуэ илъэгъуахэм нэщхъеягъуэ махуэхэр зыхащӀэнущ, лъэхъухэр ярылърэ тутнакъэщым гугъу щехьхэу, укӀ тралъхьахэу. Языныкъуэхэр гущыкӀыгъуэ щӀыунэхэм мэжащӀалӀэу щыкӀуэдыжын хуейуэ. Зыми зэхихынукъым абыхэм я щэӀу макъхэр, зыми къыдэӀэпыкъуну и Ӏэр къахуишиинукъым. GCKar 588.1
Зиусхьэным а гъэунэхуныгъэ сыхьэтым и лъэпкъыр щыгъупщэжыну? Щыгъупщэжат Абы къыхуэпэж Нухь, дунейр къутэжын ипэ псэуахэм хьэкумыр къащылъэӀэсам? Щыгъупщэжат абы ЛутӀ, уафэм мафӀэ къехыу къалэхэр щызэтрисхьам щыгъуэ? Хьэмэрэ щыгъупщэжат Исуф, Мысырым тхьэнапэхэм щхьэщэ хуэзыщӀхэм къаухъуреихьу щыпсэуам? Щыгъупщэжат Илий, Ваал хуэпщылӀхэм къащыщӀар абы кърищӀэжыну Иезавель тхьэрыӀуэ щищӀам щыгъуэ? Хьэмэрэ мащэ кӀыфӀ бамэм и гур хэщӀу иса Ирмий щыгъупщэжат Абы? ЛӀыгъэ зэрахьэу фӀэщхъуныгъэ быдэ зыгъэлъэгъуа зэныбжьэгъуищыр хьэку жьэражьэм щрадзам щыгъупщэжат Абы? Хьэмэрэ Данил аслъэнхэр зэрыс мащэм щрадзам щыгъуэ-щэ? GCKar 588.2
«Сион жиӀат: “Зиусхьэным сыкъигъэнащ, си Тхьэм сыщыгъупщэжащ!” Щыгъупщэну пӀэрэ цӀыхубзым и кӀуэцӀыкӀэм къикӀа и сабий быдзафэр, игу щӀэмыгъун хуэдэу? Ауэ, абы щыгъупщэми, Сэ, уэ усщыгъупщэнукъым. Уэ Сэ си Ӏэгум уистхащ” (Ис. 49:14-16). «Зи Ӏэпэ къыфтезылъхьэхэр, си нэ кугъуэм къеӀэу аращ» (Зах. 2:8). GCKar 588.3
Бийхэм Тхьэм хуэпщылӀхэр тутнакъым ирадзэкӀи, тутнакъым и блынхэм абыхэм я псэр Мэсихь пэӀэщӀэ хуащӀыфынукъым. Абыхэм ялъэмыкӀ псоми, я гъэунэхуныгъэ псоми Щыгъуазэр дунейм и тепщэ псом нэхърэ нэхъ лъагэщ; узэмыкӀуэлӀэф тутнакъхэм щӀаубыдахэм Тхьэм и мелыӀычхэр къахуигъэкӀуэнурэ, уафэм и нэхумрэ и мамырымрэ къахуригъэхьынущ. Лъэхъуэщыр пащтыхь сэрейм хуэдэ хъунущ, фӀэщхъуныгъэкӀэ къулейхэр абы щыӀэнущи, куэбжэ кӀыфӀхэр уафэм и бзийм къагъэнэхунущи, зэман жыжьэм Павелрэ Силэрэ Филипп къалэм лъэхъуэщым щрадзам щыгъуэ Тхьэм елъэӀухэрэ уэрэд лъапӀэхэмкӀэ Тхьэр ягъэлъапӀэу зэрыщытам хуэдэу. GCKar 588.4
Тхьэм и лъэпкъыр гугъу езыгъэхьыну, зыгъэкӀуэдыну хущӀэкъухэм Тхьэм и хьэкумыр къахуэкӀуэнущ. Тхьэншэу псэухэр Тхьэм къахуиӀэ и тэмакъкӀыхьагъым къуэгушхукӀ щхьэкӀэ, абыхэм къатехуэну тезырыр фӀэкӀыпӀэншэу шынагъуэнущ, зиӀэжьэу щытми. «Перацим бгым къызэрыщыхъуауэ щытам хуэдэу, Зиусхьэным зыкъиӀэтынурэ, Гаваон аузым зэрыщищӀауэ щытам хуэдэу, и губжьыр игъэлъэгъуэнущ, и Ӏуэхур игъэзэщӀэн щхьэкӀэ, и Ӏуэху ямылейр ищӀэнущ, и лэжьыгъэр нигъэсынущ, и лэжьыгъэ телъыджэр” (Ис. 28:21). Ди гущӀэгъулы Тхьэм и дежкӀэ тезыр телъхьэныр — ар «Ӏуэху къызэрыгуэкӀкъым”. «Си цӀэкӀэ тхьэ соӀуэр жеӀэр Зиусхьэным: сыхуейкъым гуэныхьыщӀэр лӀэну” (Иез. 33:11). «Зиусхьэнщ, Зиусхьэнщ Тхьэр, — цӀыхур фӀыуэ зылъагъущ, гущӀэгъулыщ, икъукӀэ тэмакъкӀыхьщ, куэду гущӀэгъу зыщӀщ, пэжщ, щӀэблэ миным нэсыху и гущӀэгъур зыхъумэщ, къуаншагъэри, щӀэпхъаджагъэри, гуэныхьри зыгъэгъущ”. «Зиусхьэныр тэмакъкӀыхьщ и лъэщагъми кӀэ иӀэкъым, ер тезырыншэу Абы къигъанэркъым” (Исх. 34:6, 7; Наум. 1:3 — нэгъуэщӀ зэдзэкӀыкӀэмкӀэ: «Абы захуагъэкӀэ хьэкум щищӀэкӀэ гущӀэгъу хэлъынукъым, и унафэ хаутами хуэфащэ пщӀэр иригъэгъуэтыжынущ»). Лажьэ зиӀэм тезыр тралъхьэнум и ткӀиягъыр къыбгурыӀуэфынущ Зиусхьэным захуагъэкӀэ хьэкум ищӀэныр къызэрехьэлъэкӀыр къэплъытэмэ. И пащхьэ щалэжь хабзэншагъэхэм я пщалъэр ямыгъэнщӀыху, Тхьэм имыгъэкӀуэдыжу, апхуэдизрэ ишэч цӀыхухэр, икӀэм-икӀэжым, Тхьэм и фалъэм ит губжьым, гущӀэгъу зыхэмылъым ефэнущ. GCKar 589.1
Мэсихьи медат лэжьыгъэр уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм щиуха нэужь, итӀанэ Тхьэм и губжь щысхьыншэр ятрикъутэнущ «хэт хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуищӀу, абы и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тридзэми» (Откр. 14:9,10). Тхьэм и лъэпкъыр къыщрагъэлыпэнум ипэ къихуэу, мы дунейм къытехуэ Тхьэм и хьэкумыр, Израил хуит щищӀыжым щыгъуэ Мысырым хуигъэкӀуа уз бзаджэхэм нэхърэ куэдкӀэ нэхъ Ӏейнущ. Яхья мыпхуэдэу етх а тезыр шынагъуэр зэрыщытынум теухуауэ: «... хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуищӀу, абы и дамыгъэр зытедза цӀыхухэм шын уз гущыкӀыгъуэхэр ятелъ хъуащ”. Тенджызым и псыр «лӀам и лъым хуэдэ хъуащ, абы хэса псэ зыӀут псори лӀащ”. «Псыхэри, псынэхэри” лъы хъуащ. А бэлыхь къомыр шынагъуэми, Тхьэр нэгъэсауэ захуэщ. Тхьэм и мелыӀычым жеӀэр: «Узахуэщ Уэ, Зиусхьэн... апхуэдэу хьэкум зэрыпщӀэмкӀэ; къыпхуэпэж цӀыхухэмрэ бегъымбархэмрэ ялъ абыхэм зэрагъэжам къыхэкӀкӀэ, уэ абыхэм лъы ефэну зэрептар захуагъэщ: къалэжьащ ар абыхэм» (Откр. 16:2-6). Тхьэм и лъэпкъым укӀ зэрытралъхьам щхьэкӀэ, абыхэм лажьэ яӀэ хъуащ, ахэм я лъыр езыхэм я ӀэкӀэ ягъэжам хуэдэу. Апхуэдэ дыдэу Хьиса и зэманым псэуа журтхэр игъэкъуэншауэ щытащ, Авел деж щыщӀэдзауэ Тхьэм хуэпэж цӀыхухэм я лъыу ягъэжам щхьэкӀэ, бегъымбархэр зыукӀыу щытахэм яӀа гупсэм хуэдэт абыхэми яӀэр. GCKar 589.2
КъыкӀэлъыкӀуэ узу дыгъэм унафэ хуащӀащ: «цӀыхухэр мафӀэм иригъэсыну. Арати, дыгъэ гуащӀэм цӀыхухэр исырт” (пычыгъуэ 8, 9). А зэман узижэгъуэным цӀыхухэм яӀэну щытыкӀэр мыпхуэдэу къеӀуатэр бегъымбарым: «ЩӀылъэр нэщхъейщ; губгъуэхэр нэщӀ хъуащ — щӀакхъуэ щыӀэжкъыми... Жыгхэр псори гъужащ; цӀыхухэм гукъыдэж лъэпкъ яӀэжкъым”. «Гуэдз жылэхэр щӀым хэфыхьыжащ... Ӏэщхэр гухэщӀу мэгурым, жэм хъушэхэм я щхьэр щӀэгуауэ къаджэдыхь, хъупӀэ ягъуэтыркъыми... псыежэххэр игъущыкӀащи, губгъуэ удзхэр мафӀэсым ихьащи”. «Сэрейхэм щагъэӀу уэрэдхэр а махуэм пыхьэ хъужынущ, жеӀэр Зиусхьэну Тхьэм; дэнэкӀи хьэдэхэр щыхыфӀадзэнущ, зы дыми зэхэпхынукъым” (Иоил. 1:10-12, 17-20; Ам. 8:3). GCKar 590.1
АрщхьэкӀэ, а узхэм псори ихьынукъым, армыхъумэ, щӀылъэм щыпсэухэр зэрыщыту текӀуэдыкӀыжынут. Ар тезыр нэхъ шынагъуэ дыдэу щытынущ, уахъты зиӀэ цӀыхухэм игъащӀэкӀи ямылъэгъуауэ. Япэм, гъэунэхуныгъэ зэманыр имыухыхукӀэ, цӀыхухэм къатехуэ хьэкумым гущӀэгъу хэлъу щытащ. Мэсихь и Лъым Тхьэм и гур щабэ ищӀурэ гуэныхьыщӀэм къилэжьа псор игъэвыжыртэкъым тезырыр щишэчкӀэ, ауэ иужь дыдэ хьэкумым Тхьэм и губжьыр кърикӀутынущ, гущӀэгъу хэмылъу. GCKar 590.2
А махуэм куэдыр хуеинущ апхуэдизрэ ямыда Тхьэм и гущӀэгъур къадэӀэпыкъуну. «Къоблагъэ махуэ, жеӀэр Зиусхьэну Тхьэм, щӀылъэм гъаблэ къыщезгъэуэлӀэну махуэ, — шхынщӀэлӀэу, псы хуэлӀэу щытыну аракъым цӀыхухэр, атӀэ Зиусхьэным и псалъэр зэхахыну хуэлӀэнущ. Тенджыз зэхуакум къыщакӀухьынущ, ищхъэрэм щыщӀэдзауэ къуэкӀыпӀэм нэс кӀуэнухэщ Зиусхьэным и псалъэм лъыхъуэу, арщхьэкӀэ, ягъуэтынукъым” (Ам. 8:11,12). GCKar 590.3
Тхьэм и лъэпкъым гузэвэгъуэр ялъэмыӀэсу къэнэнукъым, ауэ къыздрахуэкӀым, здыдакъузэм, мэжалӀэмрэ гугъуехьхэмрэ здашэчым, дэӀэпыкъуэгъуншэу къэнэнукъым. Илий дэӀэпыкъуа Тхьэр, зи щхьэр щхьэузыхь зыщӀ и зы сабии дэмыӀэпыкъуу къигъэнэнукъым. Абыхэм я щхьэц налъэ дэтхэнэри зыбжа Тхьэр, абыхэм къегугъунущ; гъей зэманми ахэр шхынкӀэ игъэнщӀынущ. БзаджащӀэхэм гъаблэмрэ уз Ӏейхэмрэ ажалыр къыщыхуахькӀэ, мелыӀычхэм цӀыху щыпкъэхэр яхъумэнущ, абыхэм зыхуэныкъуэхэр ирагъэгъуэтынущ. Пэжыгъэ зезыхьэхэр къагъэгугъащ: «Зрикъун щӀакхъуи иӀэнущ, псыи къелыжынущ”. «ТхьэмыщкӀэхэмрэ унэншэхэмрэ псы лъохъуэри ягъуэтыркъым, я Ӏур игъущӀыкӀащ: ауэ Сэ, Зиусхьэным, ахэр зэхэсхынущ, Сэ, израилым сриТхьэщ, къэзгъэнэнукъым ахэр!” (Ис. 33:16; 41:17). GCKar 590.4
«Инжир жыгыр къэмыгъагъэкӀи, жызумейхэм къапымыкӀэӀакӀи, зейтун жыгхэр нэщӀу къанэкӀи, губгъуэхэм гъавэ къатемыкӀкӀи, чэтым мэл щӀэмытыжкӀи, бэкхъыр Ӏэщыншэ хъукӀи — итӀанэми, сэ Зиусхьэным сыхуэнэщхъыфӀэнущ, сыкъезыгъэл си Тхьэм сыщыгуфӀыкӀынущ” (Авв. 3:17,18). GCKar 591.1
«Зиусхьэныр уи хъумакӀуэщ, уи жьауэу ижьырабгъукӀэ къыпщхьэщытщ. Махуэм дыгъэм уриудынукъым, жэщми мазэм уигъэджэлэнукъым. Сыт хуэдэ бзаджагъэми Зиусхьэным ущихъумэнущ. Зиусхьэным уи псэр ихъумэнущ”. «Узылъэхъэну хуейм и хъым укъригъэлынущ, уз Ӏейхэми ущихъумэнущ. И дамэхэмкӀэ ущӀихъумэнурэ, Абы и дамэ щӀагъыр шынагъуэншэу егъэзыпӀэ пхуэхъунущ, Тхьэр бгъэпэжыным мэӀухум хуэдэу укъихъумэнущ. Жэщым шынагъуэхэми ущыщтэнукъым, махуэм къуаутӀыпщ шабзэми ущышынэнукъым, жэщми емынэ узым уихьынукъым, махуэ шэджагъуэми уз зэрыцӀалэ къоуэлӀэнукъым. Уи сэмэгукӀэ — миныр, уи ижьырабгъукӀэ минипщӀыр ириудынущ, арщхьэкӀэ, уэ гъунэгъуу къыббгъэдыхьэнукъым. Уи нитӀкӀэ плъагъунущ Тхьэм цӀыху бзаджащӀэхэр зэригъэпшынэр. Ауэ уэ къыплъэӀэсынукъым, уэ жыпӀащи: “Зиусхьэныр си гугъапӀэщ”, Я нэхъ Лъагэр къыхэпхащ уэ уи егъэзыпӀэу. Аращи, зыри Ӏей къыпщыщӀынукъым, гузэвэгъуи уи бжэщхьэӀу ебэкъуэнукъым” (Пс. 120:5-7; 90:3-10). GCKar 591.2
ЦӀыху еплъыкӀэкӀэ къыпщыхъунущ мыгувэу Тхьэм и бынхэм я лъымкӀэ я фӀэщхъуныгъэм щыхьэт техъуэн хуейуэ къапэплъэу, япэм хьэзабыр ирагъэшэчу яукӀахэм хуэдэу. Ахэр езы дыдэхэри иригузэвэн щӀадзэнущ, Зиусхьэным ахэр бийм къаӀэщӀина ягугъэу. А гузэвэгъуэ зэманым абыхэм я щхьэр къыфӀэхунущ. Жэщи махуи ахэр Тхьэм елъэӀунущ къригъэлыну щӀэлъэӀухэу. ХабзэншакӀуэ хэр гуфӀэу, ауан къащӀурэ къехъурджэуэнущ: «Дэнэ щыӀэ иджы фи фӀэщхъуныгъэр? Сыт Тхьэм ди ӀэмыщӀэм фыкъыщӀримыхыр, Абы фрилъэпкъыр пэжмэ?» — жаӀэурэ. Абы щыгъуэм Тхьэм и лъэпкъым Хьиса ягу къэкӀыжынущ, Голгофэ жорым кӀэрылъу лӀар, дин-лэжьакӀуэхэмрэ лӀыщхьэхэмрэ Ар ауан зэращӀауэ щытар, мыпхуэдэу жаӀэурэ: «НэгъуэщӀхэр къригъэлащ, ауэ Езым зыкъригъэлыжыфкъым! Ар Израилым и Пащтыхьыр пэжмэ, жорым къыкӀэрырекӀи, итӀанэ, ди фӀэщ хъунщ!» (Мф. 27:42). Екъуб хуэдэу ахэр псори Тхьэм йобэн. Абыхэм я нэкӀум къегъэлъагъуэр ягукӀэ, я псэкӀэ ягъэвыр. АрщхьэкӀэ, ахэм я тхьэлъэӀур зэпагъэуркъым, щӀагъэхуабжьэ нэхъ мыхъумэ. GCKar 591.3
ЦӀыхухэм духовнэ дунейм щекӀуэкӀыр езымыгъэлъагъу я нэм телъ тепхъуэр трахатэмэ, гупсэ нэ яӀатэмэ, итӀанэ къалъагъунут, Мэсихь бэшэчу хуэпэжхэр мелыӀыч лъэщхэм къызэраухъуреихьыр. Гу щабэкӀэ мелыӀычхэр къадэгуӀэу абыхэм къакӀэлъоплъ, я тхьэлъэӀухэри зэхах. Абыхэм ахэр шынагъуэм кърагъэлыну хьэзырыпсщ, я Тепщэм и псалъэм ежьэу аркъудейщ. Ауэ иджыри тэлайкӀэ заӀэжьэн хуей мэхъу, Тхьэм и лъэпкъыр хуагъэхьэзыра фалъэм итым ефэн хуейщи, мафӀэм щӀагъэуэн щхьэкӀэ. А зыӀэжьэныгъэр, апхуэдизу абыхэм я псэм къатехьэлъэр, абыхэм я тхьэлъэӀум и жэуап нэхъыфӀ дыдэщ. Я дзыхь ирагъэзу, Зиусхьэныр Ӏуэхум къыщыхэӀэбэным здежьэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ, гугъэ, бэшэчыныгъэ яхэлъыным зрагъасэ, куэдыкӀейрэ абыхэм я дин гъащӀэм хуэчэмахэм. ИтӀанэми, Тхьэм къыхихахэм я хьэтыркӀэ гузэвэгъуэ зэманыр ягъэкӀэщӀынущ. «Тхьэр, Езым къыхиха лъэпкъым, жэщи махуи къелъэӀухэм къыщхьэщыжынукъэ?... ЩӀэх дыдэу яхуэфащэр ялъигъэсынущ, — нывжызоӀэр» (Лк. 18:7, 8). КӀэухыр, цӀыхухэм зэрамыгугъауэ, нэхъ псынщӀэу къэсынущ. Тхьэм и гуэным папщӀэ гуэдзыр пхыр-пхырурэ япхынурэ, ежьужьхэри ягъэсыжын щхьэкӀэ зэщӀакъуэнущ. GCKar 592.1
Уафэ хъумакӀуэхэм мыщхьэукъуэу, я хьэкъыр ягъэпэжынущ. ТхылъымпӀэ кӀапэм тедзауэ къыдагъэкӀа къэрал унафэм, Тхьэм и унафэр зыгъэзащӀэ псоми укӀ щытралъхьэн хуей зэманыр къыжиӀэу щытыну щхьэкӀэ, бийхэр абы епӀэщӀэкӀыну иужь ихьэнущ. АрщхьэкӀэ, Тхьэм хуэпэж дэтхэнэ зы цӀыхури зыхъумэ мелыӀыч лъэщ гупышхуэхэм зыри пхыкӀыфынукъым. Къалэхэр, жылэхэр щабгынэкӀэ языныкъуэхэм бзаджащӀэхэр къатеуэнущ, арщхьэкӀэ, абыхэм хуагъэдалъэ маисэхэр зэфӀэщӀыкӀынурэ, шхийм хуэдэу, зыри къимыкӀыу къаӀэщӀэхужынущ. Адрейхэри мелыӀычхэм къахъумэнущ, зауэлӀ теплъэ яӀэу къэкӀуэнурэ. GCKar 592.2
Сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми, Тхьэм и лъэпкъыр къихъумэн, къригъэлын мурадкӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр къахуигъакӀуэу щытащ. Уафэ псэущхьэхэр сыт щыгъуи цӀыхухэм ядэӀэпыкъуу къадэгъуэгурыкӀуащ. Щыблэм ещхьу щыгъын къаблэ ящыгъхэу ахэр къэхутэрт; гъуэгурыкӀуэ къызэрыгуэкӀхэм я теплъэ яӀэуи къакӀуэхэрт. Тхьэм хуэпщылӀхэм цӀыхухэм хуэдэуи къахуэкӀуэхэрт. Абыхэм махуэ шэджагъуэм жыг жьауэм щӀэсу зыщагъэпсэхурт, гъуэгум щезэшащ жыуагъэӀэу. ЦӀыхухэм хьэщӀагъэ абыхэм ирахырт. Жэщым гъуэгум къытенахэм, абыхэм гъуэгур ирагъэлъагъут. Езыхэм я ӀэкӀэ къурмэн гъэсыпхъэм и мафӀэр щӀагъанэрт. Тутнакъхэм я бжэхэр зэӀуахырти, Тхьэм хуэпщылӀхэр щхьэхуит ящӀыжырт. Уафэ щыгъынхэр ящыгъыу, ахэр къехри, КъегъэлакӀуэр зыщӀэлъа кхъэлэгъунэ-бгъуэнщӀагъыр зыхуэзыщӀ мывэр къыӀуагъэукӀуриекӀащ. GCKar 593.1
ЦӀыху теплъэ яӀэу мелыӀычхэр куэдрэ захуащӀэхэм я зэӀущӀэм щӀэсхэщ, бзаджащӀэхэр щызэхыхьэкӀи яхоплъэ, зэгуэрым Содом къалэ зэрыкӀуауэ щытам хуэдэу, Содом щыпсэухэм я Ӏуэху зытетыр ятхыу, Тхьэм и бэшэчыныгъэ фалъэм из ящӀарэ ямыщӀарэ къащӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным гущӀэгъу ищӀын ифӀэфӀщ, икӀи гурэ псэкӀэ къыхуэлажьэ тӀэкӀум я хьэтыркӀэ цӀыхухэр щигъэпшынэну зэманыр жыжьэу ӀуегъэкӀуэтри, цӀыху куэдым я мамырыгъэ гъащӀэм къахупещэ. Тхьэм пэщӀэувэхэм зэхащӀыкӀыркъым, ахэр зэрыпсэур зи фӀыщӀэр, Тхьэр зыгъэпэжу, Тхьэм и бын мащӀэхэрауэ зэрыщытыр, атӀэми, абыхэм ящӀэнэкӀэн, дакъузэн яфӀэфӀщ. GCKar 593.2
Дунейм и Ӏэтащхьэхэм я гущхьэ къэкӀыркъым, я чэнджэщ зэхуэсхэм мелыӀычхэр куэдрэ къызэрыщыпсалъэр. ЦӀыхухэр абыхэм йоплъыр, къыжаӀэхэм йодаӀуэр, абыхэм я псалъэхэм шэч къытрахьэр, зэӀущӀэхэм абыхэм къыхалъхьэхэм щыщодыхьэшххэр, псалъэ Ӏейхэр хуаутӀыпщурэ я пщӀэр ягъэпуд. Уафэм къикӀ а мелыӀычхэм цӀыхум и къекӀуэкӀыкӀам и тхыдэм куууэ зэрыщыгъуазэр ягъэлъагъуэ. Абыхэм нэрылъагъу ящӀ, зи псалъэхэр шэрыуэ, еджагъэшхуэ уэчылхэм нэхърэ, куэдкӀэ нэхъыфӀу езыхэр дэкъузахэм къызэрыщхьэщыжыфынур. Етэрщэхуу ящӀа мурад бзаджейхэр абыхэм зэхакъутэ, Тхьэм и Ӏуэхур зылъэхъэну, Тхьэм и лъэпкъым гуауэ езыдзыну Ӏуэху Ӏейхэри къагъэувыӀэр. Гузэвэгъуэ шынагъуэ сыхьэтым «Зиусхьэным шынагъэ зигу илъхэр къехъумэр, мелыӀыч къыхурегъэхри, я гуныкъуэгъуэхэр ящхьэщех» (Пс. 33:8). GCKar 593.3
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Тхьэм и лъэпкъыр я Пащтыхьыр къыщыкӀуэжыным и нэщэнэхэм поплъэр. «Жэщыр дапхуэдизрэ екӀуэкӀыну?” — жаӀэу, плъырхэм къыщеупщӀкӀэ, абыхэм къэмыскӀэу жэуап къатыж: «Пщэдджыжьыр къоблагъэ, ауэ иджыри жэщщ» (Ис. 21:11,12). Бгыщхьэм телъ пшэхэр нэхум зэкӀэщӀеху. Мыгувэу Абы и щӀыхьыр наӀуэ хъунущ, Щыпкъагъэм и Дыгъэр къыкъуэкӀынущ. Пщэдджыжьыр — ар цӀыху щыпкъэхэм я гъащӀэ мыкӀуэдыжынур щиублэну махуэр щыщӀидзэрщ, ауэ пшапэр — ар бзаджащӀэхэм я дежкӀэ игъащӀэкӀи щыӀэну жэщырщ: тӀури къэблэгъащ. GCKar 593.4
Тхьэм и бынхэр я тхьэлъэӀухэмкӀэ Тхьэм ебэну здэщытым, абыхэм ямылъагъуу щӀэзыхъумэ Ӏупхъуэр зэӀуагъэкӀуэт. МыкӀуэдыжын махуэм и пшэплъым уафэр игъэлыдырт, мелыӀычхэм я уэредадэ макъхэм хуэдэу, абыхэм мы псалъэхэр зэхах: «Быдэу фытет фызытетым. ДэӀэпыкъуныгъэр къоблагъэ». Мэсихь — псори зылъэкӀ ТекӀуэлӀым — и зауэлӀ зэхэукӀахэм мыкӀуэдыжын щӀыхьым и тажыр яхуигъэхьэзыращ, куэбжэ зэӀухам къыдэӀукӀыу Абы и макъри зэхахыр: «Мис, Сэ фэ сывигъусэщ. Фымышынэ! Фи нэщхъеягъуэ псоми Сэ сыщыгъуазэщ. Сэ фи гуныкъуэгъуэ псори вдэсхьащ. Фэ фызэзэуар Сэ сызыпэщӀэта бийхэрщ. Сэ фэр щхьэкӀэ сызэуащ, Сэ си цӀэкӀэ фэ фытекӀуащ, текӀуэныгъэм нэхъыби влэжьащ». GCKar 594.1
КъегъэлакӀуэ ЛъапӀэр игъуэ дыдэу къыддэӀэпыкъуну къэсынущ. Уафэм кӀуэ гъуэгур Абы и лъэужьым къегъэнэху. Ди Ӏэпкълъэпкъым уӀэгъэу ишэча псоми Ари яуӀащ. Дэтхэнэ зы гугъуехьу дэ тшэчын хуеяри, ди нэхъапэ Абы ихьащ. Зиусхьэным а бэӀутӀэӀухэм дыхедзэр, ди псэхэр уафэ мамырым хуигъэхьэзырын щхьэкӀэ. Гузэвэгъуэ зэманыр — ар Тхьэм и лъэпкъым и дежкӀэ гъэунэхуныгъэ шынагъуэщ, ауэ а зэманым дэтхэнэ зы чристэн пэжри уафэм дэплъейн хуейщ, фӀэщхъуныгъэкӀэ гъэгугъэныгъэм и лэгъупыкъур къилъэгъун щхьэкӀэ. GCKar 594.2
«Зиусхьэным къригъэлахэм гуфӀэ уэрэдыр кърашу Сион къагъэзэжынущ, игъащӀэкӀи дэрэжэгъуэ яӀэнущ. Я гур хэхъуэу, нэщхъыфӀэу щытынущ, гузэвэгъуэ щымыӀэжу я гум жьы дихужынущ. Сэращ, Сэращ фи бампӀэр дэзыхынур. Сыт уэ уахъты зиӀэ цӀыхум ущӀыщышынэр, удзым къыщыщӀыр зи щхьэм ирикӀуэнум? УкъэзыгъэщӀа Зисхьэныр сыт щӀыпщыгъупщэр? Уафэр зыубгъуу, щӀылъэр быдэу зыгъэувар! УвыӀэгъуэ имыӀэу удэзыкъузэу, узыгъэунэхъун зи мурадым и губжьым сыт ущӀыщышынэр? Ауэ дэнэ иджы здэщыӀэр тегушхуэгъуафӀэ узыщӀар? Мыгувэу гъэрыр щхьэхуит ящӀыжынущ, мащэми илӀыхьынукъым, шхынщӀэлӀэуи щытыжынукъым. Сэращ Зиусхьэну уи Тхьэр, хышхуэр зыгъэуфафэу, хъухъуу-щыщу толъкъунхэр зыӀэтыр; Зиусхьэну Дзэпщ Зи цӀэр. Сэ си псалъэхэр бжьэдэслъхьэнущ, си Ӏэм и жьауэм ущӀэзгъэтынущ” (Ис. 51:11-16). GCKar 594.3
«Аращи, къэдаӀуэ, мыдэ, гугъуехьыр зыгуэщӀыр, фадэншэу чэф зыгъуэтар. Уи лъэпкъым къыщхьэщыж зи хабзэу, уи Тепщэу Зиусхьэным къыбжиӀэм: Мис, сэ фадэбжьэу хъыжьэ узыщӀыр, си губжьым гуащӀагъэу хэлъыр къыпӀэщӀызохыжыр, афӀэкӀа уэ абы уефэжынукъым! “Зедзыхи лъэгурыдзым хуэдэу зыкъытхуэубгъу” къыбжезыӀэу, бэлыхьыр уэзыгъэшэчхэм Сэ ар яӀэщӀэслъхьэнущ, уэ уи щӀыбыр щӀыгу папщӀэ яхуэхъуу уэрамым хуэдэу узыутахэм” (Ис. 51:21-23). GCKar 595.1
ЛӀэщӀыгъуэхэм пхыплъыф Тхьэм и нэм илъэгъуащ, и лъэпкъыр дунейм и тепщэхэр зэкъуэувэу щыхаутэну зэманыр. ХьэӀупс ящӀу къызыхахуахэм хуэдэу, ахэр шхынщӀэлӀэу е лей къатехьэу дунейм ехыжын шынэнущ. Ауэ Израил лъэпкъым тенджызыр яхузыкӀэщӀэзыгъэкӀа ЛъапӀэм и лъэщагъыр игъэлъэгъуэнурэ ахэр къригъэлынущ. «Ахэр сысейуэ щытынущ, — жеӀэр Зиусхьэну Уафэ-Дзэпщым, — а махуэм Сэ ахэр си фӀыгъуэу щытынущ, адэм и дэӀэпыкъуэгъу и къуэм зэрыщысхьым хуэдэу, Сэ ахэм сащысхьынущ” (Мал. 3:17). А зэманым Мэсихь и щыхьэт пэжхэм я лъыр щӀэжами, хьэзабыр зрагъэшэчу яукӀауэ щытахэм ялъхэм хуэдэу, ахэр Тхьэм гъавэ къыхуэзыхьын жылэ хъунутэкъым. Ахэр Тхьэм зэрыхуэпэжыр, нэгъуэщӀхэр пэжыгъэм къыхуэзышэ щыхьэтыгъэ хъунутэкъым, сыту жыпӀэмэ, Тхьэм и гущӀэгъур абыхэм я гу быдэхэм зыуи къащыхъунутэкъыми. ЦӀыху щыпкъэхэр иджы бийхэм къуентхъ яхуэхъукӀи, абы кӀыфӀыгъэм и пщым гуфӀэгъуэшхуэ къыхуихьынут. ЗэчырусакӀуэм жеӀэр: «Мыгъуэ махуэм Абы и шэтыр лъапӀэр егъэзыпӀэ схуищӀынурэ, абы сыщигъэпщкӀунущ, къыр лъагэми сыдрихьеиныщ» (Пс. 26:5). Мэсихь жеӀэр: «ФыкӀуэ тӀасэ, си лъэпкъыр, фи пэшхэм фыщӀыхьэжи, фи бжэхэри здэвгъэбыдэж, зы тэлайкӀэ зывгъэпщкӀу — губжьыр блэкӀыху. Зиусхьэныр къыщӀокӀыр и Унэм, щӀым щыпсэухэр я щӀэпхъаджагъэхэм пэкӀуэу игъэпшынэн щхьэкӀэ” (Ис. 26:20, 21). Зи цӀэхэр гъащӀэм и Тхылъым иту, шыӀэныгъэ яхэлъу Тхьэр къыщыкӀуэным ежьахэр сыту дахэу кърагъэлыну! GCKar 595.2