Loading...
Larger font
Smaller font
Copy
Print
Contents
Бэнэныгъэ ин - Contents
  • Results
  • Related
  • Featured
No results found for: "".
  • Weighted Relevancy
  • Content Sequence
  • Relevancy
  • Earliest First
  • Latest First
    Larger font
    Smaller font
    Copy
    Print
    Contents

    ЩӀЫЛЪЭМ ЩЫӀА ШЭТЫР ЛЪАПӀЭР

    Шэтыр лъапӀэм и пщӀантӀэр

    Шэтыр лъапӀэр къумым щаухуауэ щытащ журтхэм, Муса бегъымбарым и унафэм щӀэту, бгыщхьэм абы къыщрагъэлъэгъуа щапхъэм тету (Исх.25:7-8, 40; Евр. 8:5).GCKar 391.1

    Къумым щызэрахьэ а шэтыр лъапӀэм пщӀантӀэ иӀэт (языныкъуэхэм деж щӀыб пщӀантӀэ жыхуаӀэр), и гъунэхэр чэтэныху Ӏуданэ псыгъуэхэмкӀэ зэӀуща Ӏупхъуэ хужьхэм, пкъохэм епхыжахэм къаухъуреихьу. ПщӀантӀэм и бгъуагъыр метр 23-рэ, и кӀыхьагъыр метр 45-рэ хъурт. ПщӀантӀэ кӀуэцӀым дэтт къурмэн гъэсыныпхъэхэр щагъэс къурмэнщӀыпӀэ, итӀанэ, зытхьэщӀыпӀэ, езы шэтыр лъапӀэр. А къурмэнщӀыпӀэм гъуаплъэм къыхэщӀыкӀакӀэ еджэрт, иджыри нэгъуэщӀ зы къурмэнщӀыпӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀауэ шэтыр лъапӀэм зэрыщӀэтым щхьэкӀэ. ПщӀантӀэм дэт къурмэнщӀыпӀэм и кӀуэцӀыр нэщӀт (Исх. 27:1-9), ар пхъэм къыхэщӀыкӀат, гъуаплъэ тебзэжат. Абы и лъагагъыр метр 2,4-рэ хъурт, и кӀыхьагъри и бгъуагъри — метр 2,3-рэ. А къурмэнщӀыпӀэм тралъхьэрт гъэсыныпхъэ къурмэну яукӀ Ӏэщхэр. Абы адэкӀэ къыщытт гъуаплъэм къыхэщӀыкӀа зытхьэщӀыпӀэр (Исх. 30:18-21), щоджэнхэм зыщатхьэщӀу, шэтыр лъапӀэм щӀыхьэн ипэ.GCKar 391.2

    Пэш ЛъапӀэр

    ЩӀылъэм щыӀа шэтыр лъапӀэр (Исх. 26:1-37) зищӀысыр пхъэм къыхэщӀыкӀа блынкӀэ къэухъуреихьа шэтырт. Унащхьэ папщӀэу абы щхьэтепхъуиплӀ иӀэт икӀи дыщэпскӀэ хэдыкӀа Ӏупхъуэ дэгъуэхэм шэтыр кӀуэцӀыр нэхъри ягъэдахэрт. БгъэӀэпхъуэ хъу а шэтыр лъапӀэр плӀимэ щӀыкӀэу ухуат и бгъуагъыр — метр 5,5-рэ, — и кӀыхьагъыр метр 16,8-рэ хъууэ. Арати, израил лъэпкъыр губгъуэ нэщӀым иту, гъуэгуанэ кӀыхь здытетым, ар зэпкърахыурэ дэнэкӀи къыщыздрахьэкӀырт. ӀупхъуэкӀэ зэпыгъэщхьэхукӀауэ абы пэшитӀ е нэгъуэщӀуи зэрыжаӀэмкӀэ, ӀыхьитӀ иӀэт. Нэхъ лъапӀэ дыдэу щӀылъэм щыӀэ щӀыпӀэт ар. Махуэ къэс къурмэнылъыр иӀыгъыу щоджэныр япэ Ӏыхьэм щӀыхьэрти, уэздыгъэкуибл къыщыблэ, къудамибл зиӀэ уэздыгъэм, дыщэм къыхэщӀыкӀам блэкӀырти (Исх. 25:31-40), Зиусхьэным хухахауэ и пащхьэ кърахьа щӀакхъуэхэр зытелъ Ӏэнэм (Исх. 25:23-30) адэкӀэ къыщыувыӀэрт, мэ ӀэфӀ къызыпих сагъызхэр щагъэс къурмэнщӀыпӀэм е иджыри зэрыжаӀэщи, дыщэм къыхэщӀыкӀа къурмэнщӀыпӀэм деж (Исх. 30:1-10). Абдежым, Тхьэм папщӀэ зэхалъхьа сагъыз, мэ ӀэфӀ къызыпиххэр щигъэсырт. Абыхэм къащхьэщих Ӏугъуэр унащхьэм нэмысыпэ Ӏупхъуэм, пэшитӀыр зэпызыгъэщхьэхукӀым и щхьэкӀэ дэкӀуейрти, арыххэу, Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀэз хъурт. Щоджэным къурмэнылъым щыщ мащӀэу щиутхырт Ӏупхъуэм и гупэм, иджыри абы щыщ щихуэрт мэ ӀэфӀ къызыпих сагъызхэр щагъэс къурмэнщӀыпӀэм и къуапэхэм, бжьакъуэ теплъэ зиӀэхэм (Лев. 4). Ар зэрекӀуэкӀыу щыта хабзэм мащӀэу ухегъэгъуазэ Журтхэм хуагъэхьа Тхыгъэм (Евр. 9:1-17). Шэтыр лъапӀэм и япэ пэшми и етӀуанэ пэшми хьэпшыпу щӀэтауэ хъуар дыщэм къыхэщӀыкӀат е дыщэ зытебзат.GCKar 391.3

    Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшыр

    ЕтӀуанэ Ӏыхьэм е Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым (Исх. 26:3), зэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэр щӀэтт (Исх. 26:17-22). Дыщэ пхъуантэм и щхьэтепӀэм, дыщэ защӀэм къыхэщӀыкӀам, тет мелыӀычитӀым (херувимхэр жыхуаӀэм) я зэхуакум Тхьэм и щӀыхьым и пшэр къыщылъагъуэрт (Шекина жыхуаӀэр), Тхьэр а щӀыпӀэм щыӀэти. Дыщэ пхъуантэм дэлът Тхьэм и тепщэныгъэм и лъабжьэр — Тхьэм Езым и ӀэмкӀэ мывэ джеитӀым тритхэу Муса бегъымбарым кърита Щэнхабзэ УнафипщӀыр (Исх. 31:18; Втор. 10:12). А УнафипщӀыр ягъэзащӀэу псэуну Тхьэм къахуегъэув цӀыху псоми игъащӀэкӀи: дунейр и кӀэм нэсыхуи (Откр. 12:17; 14:12), гъадэщӀыдэми (Откр. 22:14, Ис. 66:22, 23). Илъэсым къриубыдэу зэ закъуэт щоджэн пашэр Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым зэрыщӀыхьэр. Апхуэдэу щищӀэр Зыщагъэкъэбзэж Махуэшхуэрт — Шэтыр лъапӀэри лъэпкъри гуэныхьым къыхигъэкъэбзыкӀыжын папщӀэ (Лев. 16, хэхауэ 30-34 усэхэр; Дан. 8:14). GCKar 392.1

    Larger font
    Smaller font
    Copy
    Print
    Contents